Русские песни Азербайджанские песни Узбекские песни

Азамат Беков.
 Слушать песни исполнителя и скачать онлайн.
Страница 3

Исполнители

Добавить
Все казахские исполнители

Азамат Беков

  • сл. О.Бжамбеева муз. Б. Иванов студия звукозаписи Романа Факова «Dream sound records» Сэ адыгэу сыкъалъхуащ 1. Адэжь щ1ыналъэм и щ1эблэ махуэр, Напэри гуапэри яхэлъу къуохъу. Хэкум и нэхур уэ къуодэхащ1эр, Насыпыр уи гум щызу къыпщохъу. favicon acuvue.ru Перейти Ежьу: Си щхьэр лъагэу къызо1этыр, Адыгэл1ыу сыкъэхъуащ. И хуэбагъэр и гуэпагъэр, Си щ1ыналъэм къызитащ. Си гури си псэри епхащ, Сэ адыгэу сыкъалъхуащ. 2. Бахъсэныпс уэрым и уэрэд дахэр, Гум имык1ыжу,быдэу хыхьащ. А уэрэдыжьым и жьгъру макъыр, Гъащ1э мэкъамэ сэ ар схуэхъуащ. Ежьу:
  • 1. Адыгэ хэкум къуэ къихъуам, Кхъуей плъыжь к1эрыщ1эм щызэхос. Нарт санэр къащтэрэ хъухъуам, Гуф1эгъуэ махуэр дэни нос. Ежьу: Щ1ым лъапэ махуэ тыричам, Гъащ1э алъп жэрым ар мэшэс. Л1ып1э иувэу зыричам, Аргуэру къалъхур зы шэрджэс. 2. Пщащэр данэпсым къыщ1эплъам, Дыгъэщ и нэгур,уимыплъэф. И дыщэ пы1эр къыхуахьам, Адыгэ пшынэр зэролъэлъ. Ежьу: 3. Дадэр гуф1эжу къытехьам, Хуейщ къигъэфэни,нанэр деш. Нысащ1эр я гум ирихьам, Щауэм къыхедзэ,уэрэд хеш. Ежьу:
  • пс.,мэкъ.Думэн М. Псэр зыхуэусэ 1. Псэр зыхуэусэурэ пщащэ дэхащэ, Пшынэбзэ щабэр зи щэху. Зи лэгъунэбжэри си гум и лъащ1э, Си лъагъуныгъуэ нэхутхьэху. Ежьу: Уэ къоджэр мы си псэр къызэ1ущащэ, favicon online.lenta.com Перейти Псэр зыхуэусэ си нэху. Мазэ бзыгъэр зыхуэзгъэфащэ, Си пшынэбзэ щэху. 2. Набдзэ къурашэхэм къыщ1эплъ нэ п1ащэ, Си лъагъуныгъэм и пшэплъ. Зи щхьэцыгъуэшхуэхэр си гум и фащэ, Мэзэгъуэ пшыхь хэт сэхусэплъ. Ежьу: Уэ къуоджэр мы си гур къызэ1ущащэ, Пшынэбзэ 1эф1ым хэсща. Мазэ бзыгъэр зыхуэзгъэфащэу, Си гум къыхиха. Повтор первого куплета.
  • сл.и муз.Тимур Лосан Звукозаписывающая студия Аслана Лиева Нэкъуэлэн. 1. Бжьыхьэм чэзур ирехьэкl. Сэри зэ си дыгъэр къыкъуокl. Мо щхьэкlэм щылыд мыlэрысэ, Си гуакlуэр уэ схуэгъэlэсэ. Уэ узот мы бжьыхьэм и фэплъхэр, Вагъуэ иж а пфlэфlу узэплъхэр, Дахагъэ гуашэ соублэ! Ежьу. Нэкъуэлэн сыхуозэри Си къэшэнщ жызоlэрэ Дыкъафэн щlыдодзэри Дыунэнщ жыдоlэрэ Дыпсоун щlыдодзэри Хъуапсэ ин дыхуокlуэрэ Фlыгъуэ псом дыхешэри Дыгъэ шыр къытхуопсыр!!! 2. Дыгъэр зи нэгум къыщепс, Сегъэнэху,уи плъэкlэр сфlэфlыпсщ. Си нэхур уогъэщ узиlэхукlэ, Мыункlыфlыу къаблэ сыпсоухукlэ. Нэкъуэлэн си гущхьэм щошэсри, Нэкъуэлэн си гущlэм щопсыхыр Дахагъэ гуашэ доублэ! Ежьу:
  • Бадзэуэгъуэ дыгъэм щӏыгур къигъажьэу Жьэражьэу уэгум къыщиувакӏэ Зиӏэтрэ ӏуплъэмэ зыгъэукӏытэу Зыгъэупщӏыӏури сэ си къэшэнщ. Тенджызыр губжьрэ тенджызыр къиурэ Къэукъубияуэ щызэрызехьэкӏэ Щхьэщыхьэрэ хэплъэмэ зыгъэукӏытэу Зыгъэувыӏэри сэ си къэшэнщ. Бадзэуэгъуэ махуэм я нэхь кӏыхьыгъуэм Аргъынэм ӏуту езылъэщӏэкӏхэм Ягу къыщыридзэкӏэ шэмэдж дэдзэнхэр Ящызыгъэгъупщэри сэ си къэшэнщ. Мэлыхъуэ цӏыкӏухэу къущхьэхъум тесхэу Гъатхэри бжьыхьэри зылъэзыгъэӏэсхэм Я гъуэмылашэр щалъэӏэсыжкӏэ Къызэреупщӏри сэ си къэшэнщ. Пщыхьэщхьэ пшапэм си мыӏуэхущэу Гупэ уэрамымкӏэ зыщыблезгъэхкӏэ Тхылъым бгъэдэсу нэхур зыгъэщу Слъэгъуа хъыджэбзри сэ си къэшэнщ. Пщыхьэщхьэ пшапэм еша-елӏауэ Лӏы гуп зэхэсым къащыӏурыплъэкӏэ Зи гугъухэр ящӏ пэтми яхуэмыухыу Нэху къатезыгъащхьэри сэ си къэшэнщ.
  • пс.Иуан В. мэкъ.Иуан Б. Дэнэ ущы1э си нэ дахэ 1. Си нэгум уэ укъыщ1ыхьауэ, Блэк1а ди гъащ1эм согъэзэж. Псы 1уфэ щхъуант1эм сы1ухьауэ, Уи нэгу аргуэру зэ соплъэж. Ежьу: Дэнэ ущы1э си нэ дахэ, Сэ услъагъуну си гу къихьащ. Укъилъыхъуэну псэм ф1эдахэр, Си гущ1эр гъуэгум нытехьащ. 2. Къыщ1ож жыг лъабжьэим псынэ щ1ы1эу, Щ1алэгъуэ дахэу блэлъэтар. Къыхощ псы блэжым уи сурэту, Си лъагъуныгъэ блэлъэтар. Ежьу: