Русские песни Азербайджанские песни Узбекские песни

Песня «Кавказ»
исполнителя Азамат Беков.
Скачать или слушать онлайн

Текст песни:

Текст песни не найден. Добавить?
Мы платим за добавление текста. Вам нужно авторизоваться, чтобы мы смогли вам заплатить
Отмена

Другие песни исполнителя:

  • Адыгэ уафэ, адыгэ щlылъэ, Уэгум сихьамэ щlылъэр си плъапlэщ. Адыгэ уафэ, адыгэ щlылъэ, Уи лъахэм ситмэ дунейм сытеткъэ. Уи къалэщхьиблым зыкъырагъэщхьу Вагъуэ зэшиблыр жэщкlэ зэщlоблэр А блым ейанэу, нэхъ ебжьыфlэкlыу Си гурыфlыгъуэр адыгэ хэкукъэ. Уи губгъуэ куэщlыр пшэплъыу хэдыкlыр Тэрч къызэрокlри псыр зызэхешэр. Шым сыгъэшэси дэни сыгъакlуэ, Вагъуэ жыпlамэ дыгъэр къэсхьынкъэ. Уинэр зыдэплъэм уилъэр лъоlэсыр, Гум имылъами улъэlэсакъэ. Адыгэ уафэ, адыгэ щIылъэ, Уи лъахэм ситмэ дунейм сытеткъэ.
  • Бадзэуэгъуэ дыгъэм щӏыгур къигъажьэу Жьэражьэу уэгум къыщиувакӏэ Зиӏэтрэ ӏуплъэмэ зыгъэукӏытэу Зыгъэупщӏыӏури сэ си къэшэнщ. Тенджызыр губжьрэ тенджызыр къиурэ Къэукъубияуэ щызэрызехьэкӏэ Щхьэщыхьэрэ хэплъэмэ зыгъэукӏытэу Зыгъэувыӏэри сэ си къэшэнщ. Бадзэуэгъуэ махуэм я нэхь кӏыхьыгъуэм Аргъынэм ӏуту езылъэщӏэкӏхэм Ягу къыщыридзэкӏэ шэмэдж дэдзэнхэр Ящызыгъэгъупщэри сэ си къэшэнщ. Мэлыхъуэ цӏыкӏухэу къущхьэхъум тесхэу Гъатхэри бжьыхьэри зылъэзыгъэӏэсхэм Я гъуэмылашэр щалъэӏэсыжкӏэ Къызэреупщӏри сэ си къэшэнщ. Пщыхьэщхьэ пшапэм си мыӏуэхущэу Гупэ уэрамымкӏэ зыщыблезгъэхкӏэ Тхылъым бгъэдэсу нэхур зыгъэщу Слъэгъуа хъыджэбзри сэ си къэшэнщ. Пщыхьэщхьэ пшапэм еша-елӏауэ Лӏы гуп зэхэсым къащыӏурыплъэкӏэ Зи гугъухэр ящӏ пэтми яхуэмыухыу Нэху къатезыгъащхьэри сэ си къэшэнщ.