Русские песни Азербайджанские песни Узбекские песни

Песня «Dahasha»
исполнителя Азамат Беков.
Скачать или слушать онлайн

Текст песни:

Къафэт дахащэ,1эгур мэщащэ уей.
Пшынэ бзэрабзэ гук1э 1ущащэ уей.
Гъэхэр уогъак1уэ,си псэр уэ уи лъыхъуак1уэщ.
Уэ зырщ фо к1адэм псэк1э хуэзгъадэр,уей.

Ежьу:

Псэм и дахэ сыкъомыгъанэ,
Си гу упэсщ1ыу,сощ1 тхьэлъанэ.
Хэт ди лъахэм упэсщ1ын,
Псэм ухэлъмэ ухэзмыхын,
Си псэу дэхащэ,
Си гухэлъ гуащэ.

2.
Жэщыр хок1уатэр,мазэр хок1уадэр,уей.
Уджыжь мэкъамэр къытк1эщ1ок1уатэр,уей.
Уи нит1 я гъуазэу,вагъуэр схузэщ1эгъанэ,
Вагъуэр щхьэцыгъуэм хызоухуанэ,уей.

Ежьу:

Псэм и дахэ,гухэлъ 1уданэ,
Гур мэгъынанэ, ещ1ри гукъанэ.
Уи лэгъунэр схузэ1ух,уи гур сэ схузэлъэ1ух,
Си псэу дахащэ,си гухэлъ гуащэ.

Другие песни исполнителя:

  • пс.Иуан В. мэкъ.Иуан Б. Дэнэ ущы1э си нэ дахэ 1. Си нэгум уэ укъыщ1ыхьауэ, Блэк1а ди гъащ1эм согъэзэж. Псы 1уфэ щхъуант1эм сы1ухьауэ, Уи нэгу аргуэру зэ соплъэж. Ежьу: favicon ravnovesie.house Перейти Дэнэ ущы1э си нэ дахэ, Сэ услъагъуну си гу къихьащ. Укъилъыхъуэну псэм ф1эдахэр, Си гущ1эр гъуэгум нытехьащ. 2. Къыщ1ож жыг лъабжьэим псынэ щ1ы1эу, Щ1алэгъуэ дахэу блэлъэтар. Къыхощ псы блэжым уи сурэту, Си лъагъуныгъэ блэлъэтар. Ежьу:
  • пс.Иуан В. мэкъ.Иуан Б. Адыгэ хэку 1. Си Къабэрдей,си дуней гуапэ, Уэ уи фэ зыми сэ езмыплъ. Зэлъа къурш нэк1ухэр адэжь напэу, Тхъумэну къытхуэпщ1ащ фэеплъ Ежьу: Адыгэ хэку,адэжь щ1ыналъэ, favicon letu.ru Перейти Дунейм и фыгъуэ и жэнэт. Сэ пхузоусыр уэ пшыналъэ, Уэрэдыр гуапэу къыздэ1эт. 2. Си Къабэрдей,уи щ1ылъэрщ япэу, Лъэбакъуэ ц1ык1ухэр сэ щысчар. Сф1эмащ1эщ ноби гур щыхуабэу, Сэ уи щ1ыналъэу зэпысчар. Ежьу: 3. Си Къабэрдей,уэращ си хэкур, Уи щ1ылъэрщ сэ сыкъыщалхуар. Арщ щ1ыпхуэусэр уэ мы си гур, Уэращ къежьап1э сэ схуэхъуар. Ежьу: