Къафэт дахащэ,1эгур мэщащэ уей.
Пшынэ бзэрабзэ гук1э 1ущащэ уей.
Гъэхэр уогъак1уэ,си псэр уэ уи лъыхъуак1уэщ.
Уэ зырщ фо к1адэм псэк1э хуэзгъадэр,уей.
Ежьу:
Псэм и дахэ сыкъомыгъанэ,
Си гу упэсщ1ыу,сощ1 тхьэлъанэ.
Хэт ди лъахэм упэсщ1ын,
Псэм ухэлъмэ ухэзмыхын,
Си псэу дэхащэ,
Си гухэлъ гуащэ.
2.
Жэщыр хок1уатэр,мазэр хок1уадэр,уей.
Уджыжь мэкъамэр къытк1эщ1ок1уатэр,уей.
Уи нит1 я гъуазэу,вагъуэр схузэщ1эгъанэ,
Вагъуэр щхьэцыгъуэм хызоухуанэ,уей.
Ежьу:
Псэм и дахэ,гухэлъ 1уданэ,
Гур мэгъынанэ, ещ1ри гукъанэ.
Уи лэгъунэр схузэ1ух,уи гур сэ схузэлъэ1ух,
Си псэу дахащэ,си гухэлъ гуащэ.