Русские песни Азербайджанские песни Узбекские песни

Песня «Аргуэру къалъхур зы шэрджэс»
исполнителя Азамат Беков.
Скачать или слушать онлайн

Текст песни:

1.
Адыгэ хэкум къуэ къихъуам,
Кхъуей плъыжь к1эрыщ1эм щызэхос.
Нарт санэр къащтэрэ хъухъуам,
Гуф1эгъуэ махуэр дэни нос.

Ежьу:
Щ1ым лъапэ махуэ тыричам,
Гъащ1э алъп жэрым ар мэшэс.
Л1ып1э иувэу зыричам,
Аргуэру къалъхур зы шэрджэс.

2.
Пщащэр данэпсым къыщ1эплъам,
Дыгъэщ и нэгур,уимыплъэф.
И дыщэ пы1эр къыхуахьам,
Адыгэ пшынэр зэролъэлъ.

Ежьу:

3.
Дадэр гуф1эжу къытехьам,
Хуейщ къигъэфэни,нанэр деш.
Нысащ1эр я гум ирихьам,
Щауэм къыхедзэ,уэрэд хеш.

Ежьу:

Другие песни исполнителя:

  • пс.,мэкъ.Думэн М. Псэр зыхуэусэ 1. Псэр зыхуэусэурэ пщащэ дэхащэ, Пшынэбзэ щабэр зи щэху. Зи лэгъунэбжэри си гум и лъащ1э, Си лъагъуныгъуэ нэхутхьэху. Ежьу: Уэ къоджэр мы си псэр къызэ1ущащэ, favicon online.lenta.com Перейти Псэр зыхуэусэ си нэху. Мазэ бзыгъэр зыхуэзгъэфащэ, Си пшынэбзэ щэху. 2. Набдзэ къурашэхэм къыщ1эплъ нэ п1ащэ, Си лъагъуныгъэм и пшэплъ. Зи щхьэцыгъуэшхуэхэр си гум и фащэ, Мэзэгъуэ пшыхь хэт сэхусэплъ. Ежьу: Уэ къуоджэр мы си гур къызэ1ущащэ, Пшынэбзэ 1эф1ым хэсща. Мазэ бзыгъэр зыхуэзгъэфащэу, Си гум къыхиха. Повтор первого куплета.
  • пс.Иуан В. мэкъ.Иуан Б. Дэнэ ущы1э си нэ дахэ 1. Си нэгум уэ укъыщ1ыхьауэ, Блэк1а ди гъащ1эм согъэзэж. Псы 1уфэ щхъуант1эм сы1ухьауэ, Уи нэгу аргуэру зэ соплъэж. Ежьу: Дэнэ ущы1э си нэ дахэ, Сэ услъагъуну си гу къихьащ. Укъилъыхъуэну псэм ф1эдахэр, Си гущ1эр гъуэгум нытехьащ. 2. Къыщ1ож жыг лъабжьэим псынэ щ1ы1эу, Щ1алэгъуэ дахэу блэлъэтар. Къыхощ псы блэжым уи сурэту, Си лъагъуныгъэ блэлъэтар. Ежьу: