Русские песни Азербайджанские песни Узбекские песни

Песня «Хэт удихьэха»
исполнителя Азамат Беков.
Скачать или слушать онлайн

Текст песни:

сл.Б.Гедгафов пс.Джэдгъэф Б.
муз.З.Афашагова мэкъ.1эфэщ1агъуэ.З.

Хэт удихьэха?

1.
Уи ф1эщ хъужмэ,а уи нит1ым,
Дахэ псор къащ1ех.
Жэщ мэзэншэу,гъуэгу сытетым,
Дыгъэу къысхукъуок1.
Апхуэдизк1э уи дахагъэр
Сф1ызэхещ1эри псэм.

Ежьу:
Хэт,хэт,хэт,
Хэт удихьэха?
Хэт и унэ,хэт и пщ1ант1э
Насып1ыф1э пщ1ар?

2.
Уи ф1эщ хъужмэ,а уи нит1ым,
Гуэпагъ псор къащ1ех.
Я нэхъ ину сыбэмп1ами,
Узыу хъуар сщхьэщах.
Апхуэдизк1э уи гуапагъэр
Сф1ызэхещ1эри псэм.

Ежьу:

Ежьу:

3.
Уи ф1эщ хъужмэ,а уи нит1ым,
Пэжагъ псори къащ1ех.
Къэувы1амэ п1ыгъ сыхьэтыр,
Хъун сф1ощ1 тебухуэж.
Апхуэдизк1э уи пэжагъэр
Сф1ызэхещ1эри псэм.

Другие песни исполнителя:

  • пс.Иуан В. мэкъ.Иуан Б. Дэнэ ущы1э си нэ дахэ 1. Си нэгум уэ укъыщ1ыхьауэ, Блэк1а ди гъащ1эм согъэзэж. Псы 1уфэ щхъуант1эм сы1ухьауэ, Уи нэгу аргуэру зэ соплъэж. Ежьу: Дэнэ ущы1э си нэ дахэ, Сэ услъагъуну си гу къихьащ. Укъилъыхъуэну псэм ф1эдахэр, Си гущ1эр гъуэгум нытехьащ. 2. Къыщ1ож жыг лъабжьэим псынэ щ1ы1эу, Щ1алэгъуэ дахэу блэлъэтар. Къыхощ псы блэжым уи сурэту, Си лъагъуныгъэ блэлъэтар. Ежьу:
  • Уо си адэжь пщlантlэ гущэм Шыгур щызэщlащlэ, Си гущlэр къыщIитхъыурэ, Хэкур сагъэбгынэ. Уо-уо, о-о-ооо Истамбылым дашэ мыгъуэри, уей Уо Истамбыл гъуэгу гущэри Зэрынашэкъаши, Си къэшэну дахэри Жылэм къыдэзнауэ Уо-уо, о-о-ооо Истамбылым дашэ мыгъуэри, уей Уо си шыпхъу нэхъыщlэ гущэр Зэрыщхьэц барини Ди дей зэрыбынурэ Сэ къыскlэрыщlауэ Источник teksty-pesenok.ru Уо-уо, о-о-ооо Истамбылым дашэ мыгъуэри уей Адыгэжь бэракъ гущэри Уей, жьыбгъэм зэрехьэ Ди деж я хъыбархэри Хэт дэ къытх*ихьыну?! Уо-уо, о-о-ооо Истамбылым дашэ мыгъуэри уей
  • Къафэ- джэгум сыхэши, Гум и пшынэбзэм къедаIуэ. Си псэм и зы дурэши Къэмынэу, уэ зым уи плъапIэщ. Ежьу: Къафэ- къафэ, си дыгъэ! Къафэ- къафэ си мазэ! Нэ дахитIыр къэгъафэ, Нэсып вагъуэу къыздэфэ Уэ уи нитIым сыщIэплъэм Гъуджэ пэлъытэу сыкъощыр Мазэр вагъуэхэм пэплъэм Пшэ зэхыхьахэм къыхощыр Ежьу: Псыежэхыр Iущащэу, Уэ уи хъыбар къысхуеIуатэ. Си гурылъхэм хуэфащэу Лъагъуныгъэшхуэу мэбатэ Ежьу: СощIэ, си лъагъуныгъэр ГурыщIэм къыщыгъэгъащи Къафэ, си псэм и дыгъэ Насыпыр уэрщ зыхуэфащэр!