Русские песни

Песня «Hagyalygye»
исполнителя Азамат Беков.
Скачать или слушать онлайн

00:00/00:00

Текст песни:

сл.и муз.Тимур Лосан
Звукозаписывающая студия Аслана Лиева

Нэкъуэлэн.
1.
Бжьыхьэм чэзур ирехьэкl.
Сэри зэ си дыгъэр къыкъуокl.
Мо щхьэкlэм щылыд мыlэрысэ,
Си гуакlуэр уэ схуэгъэlэсэ.
Уэ узот мы бжьыхьэм и фэплъхэр,
Вагъуэ иж а пфlэфlу узэплъхэр,
Дахагъэ гуашэ соублэ!
Ежьу.
Нэкъуэлэн сыхуозэри
Си къэшэнщ жызоlэрэ
Дыкъафэн щlыдодзэри
Дыунэнщ жыдоlэрэ
Дыпсоун щlыдодзэри
Хъуапсэ ин дыхуокlуэрэ
Фlыгъуэ псом дыхешэри
Дыгъэ шыр къытхуопсыр!!!
2.
Дыгъэр зи нэгум къыщепс,
Сегъэнэху,уи плъэкlэр сфlэфlыпсщ.
Си нэхур уогъэщ узиlэхукlэ,
Мыункlыфlыу къаблэ сыпсоухукlэ.
Нэкъуэлэн си гущхьэм щошэсри,
Нэкъуэлэн си гущlэм щопсыхыр
Дахагъэ гуашэ доублэ!
Ежьу:

Другие песни исполнителя:

  • сл.Б.Гедгафов пс.Джэдгъэф Б. муз.З.Афашагова мэкъ.1эфэщ1агъуэ.З. Хэт удихьэха? 1. Уи ф1эщ хъужмэ,а уи нит1ым, Дахэ псор къащ1ех. Жэщ мэзэншэу,гъуэгу сытетым, Дыгъэу къысхукъуок1. Апхуэдизк1э уи дахагъэр Сф1ызэхещ1эри псэм. Ежьу: Хэт,хэт,хэт, Хэт удихьэха? Хэт и унэ,хэт и пщ1ант1э Насып1ыф1э пщ1ар? 2. Уи ф1эщ хъужмэ,а уи нит1ым, Гуэпагъ псор къащ1ех. Я нэхъ ину сыбэмп1ами, Узыу хъуар сщхьэщах. Апхуэдизк1э уи гуапагъэр Сф1ызэхещ1эри псэм. Ежьу: Ежьу: 3. Уи ф1эщ хъужмэ,а уи нит1ым, Пэжагъ псори къащ1ех. Къэувы1амэ п1ыгъ сыхьэтыр, Хъун сф1ощ1 тебухуэж. Апхуэдизк1э уи пэжагъэр Сф1ызэхещ1эри псэм.
  • 1.СССРр щакъутэжым мылъкуф1 къыхэсхащ, Сыщылажьэу щыта лэжьап1эр, Тыкуэн защ1э сщ1ащ. Ежьу: Мылъкуф1,мылъкуф1 си1эщ сэ фи ней, Си гъунэгъуи софи-софи, Си жэрэгъуи софи-софи, Си лъэпкъгъуи си хэкуэгъуи фи ц1ыхумэ,фи. Мерседесыр си мэршынэщ,епщэ уэ к1эфийм, 1эгум,1эгум,1эгум,1эгум феуэт хьэнэфи. Гуэншэрыкъым фыкъыхуэнэм,сэ фэсщэнщ шэбий, 1эгу жи,1эгу жи, Къэмыфэр си бийщ. 2.Кэмсэмолым сыкъыхэк1ыри партым сыхыхьащ, Ди компартыр зырадзэк1ти, Бизнесмен сыхъуащ. Ежьу: 3.Сыхуэныкъуэкъым сэ зыри,сызыхуейр согъуэт Си хъумак1уэм зегъэзыжри,си бжэщхьэ1ум тетщ Ежьу: 4.Зэзмыпэс сэ япэ къэсыр,долларыр си куэдщ, Сыхуей хъумэ,уеблэм Марсым щызухуэнщ завод. Ежьу: 5.Л1ибгъур зы джэдыгумэ,сэ сы джэдыгуибгъущ, Сэ хэт къыздэджэгуми,щысщ1ынщ гъыщ1эм к1эбгъу. Ежьу: 6.Мерседесыр сыужэгъури Бэнтли къэсщэхуащ, Бамп1эщ,бамп1эщ си гъунэгъури,абы ил1ык1ащ Ежьу: 7.Сакъыхощыр сызыхэтым,мылъкур си гъунэжщ, Си пщ1энт1эпсу зыри хэлъкъым ауэ си 1ут1ыжщ. Ежьу:
  • пс.,мэкъ.Думэн М. Псэр зыхуэусэ 1. Псэр зыхуэусэурэ пщащэ дэхащэ, Пшынэбзэ щабэр зи щэху. Зи лэгъунэбжэри си гум и лъащ1э, Си лъагъуныгъуэ нэхутхьэху. Ежьу: Уэ къоджэр мы си псэр къызэ1ущащэ, favicon online.lenta.com Перейти Псэр зыхуэусэ си нэху. Мазэ бзыгъэр зыхуэзгъэфащэ, Си пшынэбзэ щэху. 2. Набдзэ къурашэхэм къыщ1эплъ нэ п1ащэ, Си лъагъуныгъэм и пшэплъ. Зи щхьэцыгъуэшхуэхэр си гум и фащэ, Мэзэгъуэ пшыхь хэт сэхусэплъ. Ежьу: Уэ къуоджэр мы си гур къызэ1ущащэ, Пшынэбзэ 1эф1ым хэсща. Мазэ бзыгъэр зыхуэзгъэфащэу, Си гум къыхиха. Повтор первого куплета.