Русские песни Азербайджанские песни Узбекские песни

Песня «Псэр зыхуэусэ»
исполнителя Азамат Беков.
Скачать или слушать онлайн

Текст песни:

пс.,мэкъ.Думэн М.

Псэр зыхуэусэ

1.
Псэр зыхуэусэурэ пщащэ дэхащэ,
Пшынэбзэ щабэр зи щэху.
Зи лэгъунэбжэри си гум и лъащ1э,
Си лъагъуныгъуэ нэхутхьэху.

Ежьу:
Уэ къоджэр мы си псэр къызэ1ущащэ,
favicon
online.lenta.com
Перейти
Псэр зыхуэусэ си нэху.
Мазэ бзыгъэр зыхуэзгъэфащэ,
Си пшынэбзэ щэху.

2.
Набдзэ къурашэхэм къыщ1эплъ нэ п1ащэ,
Си лъагъуныгъэм и пшэплъ.
Зи щхьэцыгъуэшхуэхэр си гум и фащэ,
Мэзэгъуэ пшыхь хэт сэхусэплъ.

Ежьу:
Уэ къуоджэр мы си гур къызэ1ущащэ,
Пшынэбзэ 1эф1ым хэсща.
Мазэ бзыгъэр зыхуэзгъэфащэу,
Си гум къыхиха.

Повтор первого куплета.

Другие песни исполнителя:

  • Къафэ- джэгум сыхэши, Гум и пшынэбзэм къедаIуэ. Си псэм и зы дурэши Къэмынэу, уэ зым уи плъапIэщ. Ежьу: Къафэ- къафэ, си дыгъэ! Къафэ- къафэ си мазэ! Нэ дахитIыр къэгъафэ, Нэсып вагъуэу къыздэфэ Уэ уи нитIым сыщIэплъэм Гъуджэ пэлъытэу сыкъощыр Мазэр вагъуэхэм пэплъэм Пшэ зэхыхьахэм къыхощыр Ежьу: Псыежэхыр Iущащэу, Уэ уи хъыбар къысхуеIуатэ. Си гурылъхэм хуэфащэу Лъагъуныгъэшхуэу мэбатэ Ежьу: СощIэ, си лъагъуныгъэр ГурыщIэм къыщыгъэгъащи Къафэ, си псэм и дыгъэ Насыпыр уэрщ зыхуэфащэр!
  • пс.Иуан В. мэкъ.Иуан Б. Дэнэ ущы1э си нэ дахэ 1. Си нэгум уэ укъыщ1ыхьауэ, Блэк1а ди гъащ1эм согъэзэж. Псы 1уфэ щхъуант1эм сы1ухьауэ, Уи нэгу аргуэру зэ соплъэж. Ежьу: Дэнэ ущы1э си нэ дахэ, Сэ услъагъуну си гу къихьащ. Укъилъыхъуэну псэм ф1эдахэр, Си гущ1эр гъуэгум нытехьащ. 2. Къыщ1ож жыг лъабжьэим псынэ щ1ы1эу, Щ1алэгъуэ дахэу блэлъэтар. Къыхощ псы блэжым уи сурэту, Си лъагъуныгъэ блэлъэтар. Ежьу: