Русские песни Азербайджанские песни Узбекские песни

Песня «Sikabghanu ushamikh»
исполнителя Азамат Беков.
Скачать или слушать онлайн

Текст песни:

Текст песни не найден. Добавить?
Мы платим за добавление текста. Вам нужно авторизоваться, чтобы мы смогли вам заплатить
Отмена

Другие песни исполнителя:

  • 1. Адыгэ хэкум къуэ къихъуам, Кхъуей плъыжь к1эрыщ1эм щызэхос. Нарт санэр къащтэрэ хъухъуам, Гуф1эгъуэ махуэр дэни нос. Ежьу: Щ1ым лъапэ махуэ тыричам, Гъащ1э алъп жэрым ар мэшэс. Л1ып1э иувэу зыричам, Аргуэру къалъхур зы шэрджэс. 2. Пщащэр данэпсым къыщ1эплъам, Дыгъэщ и нэгур,уимыплъэф. И дыщэ пы1эр къыхуахьам, Адыгэ пшынэр зэролъэлъ. Ежьу: 3. Дадэр гуф1эжу къытехьам, Хуейщ къигъэфэни,нанэр деш. Нысащ1эр я гум ирихьам, Щауэм къыхедзэ,уэрэд хеш. Ежьу:
  • Бадзэуэгъуэ дыгъэм щӏыгур къигъажьэу Жьэражьэу уэгум къыщиувакӏэ Зиӏэтрэ ӏуплъэмэ зыгъэукӏытэу Зыгъэупщӏыӏури сэ си къэшэнщ. Тенджызыр губжьрэ тенджызыр къиурэ Къэукъубияуэ щызэрызехьэкӏэ Щхьэщыхьэрэ хэплъэмэ зыгъэукӏытэу Зыгъэувыӏэри сэ си къэшэнщ. Бадзэуэгъуэ махуэм я нэхь кӏыхьыгъуэм Аргъынэм ӏуту езылъэщӏэкӏхэм Ягу къыщыридзэкӏэ шэмэдж дэдзэнхэр Ящызыгъэгъупщэри сэ си къэшэнщ. Мэлыхъуэ цӏыкӏухэу къущхьэхъум тесхэу Гъатхэри бжьыхьэри зылъэзыгъэӏэсхэм Я гъуэмылашэр щалъэӏэсыжкӏэ Къызэреупщӏри сэ си къэшэнщ. Пщыхьэщхьэ пшапэм си мыӏуэхущэу Гупэ уэрамымкӏэ зыщыблезгъэхкӏэ Тхылъым бгъэдэсу нэхур зыгъэщу Слъэгъуа хъыджэбзри сэ си къэшэнщ. Пщыхьэщхьэ пшапэм еша-елӏауэ Лӏы гуп зэхэсым къащыӏурыплъэкӏэ Зи гугъухэр ящӏ пэтми яхуэмыухыу Нэху къатезыгъащхьэри сэ си къэшэнщ.
  • сл. А.Кешоков муз.У.Тхабисимов Адыгэ уафэ Адыгэ уафэ, адыгэ щlылъэ, Уэгум сихьамэ щlылъэр си плъапlэщ. Ежьу: Адыгэ уафэ, адыгэ щlылъэ, Уи лъахэм ситмэ дунейм сытеткъэ. Уи къалэщхьиблым зыкъырагъэщхьу gazprombank.ru реклама Подробнее Вагъуэ зэшиблыр жэщкlэ зэщlоблэр Ежьу: А блым еянэу, нэхъ ебжьыфlэкlыу Си гурыфlыгъуэр адыгэ хэкукъэ. Уи губгъуэ куэщlыр пшэплъыу хадыкlыр Тэрч къызэрокlри псыр зызэхешэр. Ежьу: Шым сыгъэшэси дэни сыгъакlуэ, Вагъуэ жыпlамэ дыгъэр къэсхьынкъэ. Уинэр зыдэплъэм уилъэр лъоlэсыр, Гум имылъами улъэlэсакъэ. Ежьу: Адыгэ уафэ, адыгэ щIылъэ, Уи лъахэм ситмэ дунейм сытеткъэ.