Русские песни Азербайджанские песни Узбекские песни

Песня «Argueru kalhur zi charges»
исполнителя Азамат Беков.
Скачать или слушать онлайн

Текст песни:

1.
Адыгэ хэкум къуэ къихъуам,
Кхъуей плъыжь к1эрыщ1эм щызэхос.
Нарт санэр къащтэрэ хъухъуам,
Гуф1эгъуэ махуэр дэни нос.

Ежьу:
Щ1ым лъапэ махуэ тыричам,
Гъащ1э алъп жэрым ар мэшэс.
Л1ып1э иувэу зыричам,
Аргуэру къалъхур зы шэрджэс.

2.
Пщащэр данэпсым къыщ1эплъам,
Дыгъэщ и нэгур,уимыплъэф.
И дыщэ пы1эр къыхуахьам,
Адыгэ пшынэр зэролъэлъ.

Ежьу:

3.
Дадэр гуф1эжу къытехьам,
Хуейщ къигъэфэни,нанэр деш.
Нысащ1эр я гум ирихьам,
Щауэм къыхедзэ,уэрэд хеш.

Ежьу:

Другие песни исполнителя:

  • Бадзэуэгъуэ дыгъэм щӏыгур къигъажьэу Жьэражьэу уэгум къыщиувакӏэ Зиӏэтрэ ӏуплъэмэ зыгъэукӏытэу Зыгъэупщӏыӏури сэ си къэшэнщ. Тенджызыр губжьрэ тенджызыр къиурэ Къэукъубияуэ щызэрызехьэкӏэ Щхьэщыхьэрэ хэплъэмэ зыгъэукӏытэу Зыгъэувыӏэри сэ си къэшэнщ. Бадзэуэгъуэ махуэм я нэхь кӏыхьыгъуэм Аргъынэм ӏуту езылъэщӏэкӏхэм Ягу къыщыридзэкӏэ шэмэдж дэдзэнхэр Ящызыгъэгъупщэри сэ си къэшэнщ. Мэлыхъуэ цӏыкӏухэу къущхьэхъум тесхэу Гъатхэри бжьыхьэри зылъэзыгъэӏэсхэм Я гъуэмылашэр щалъэӏэсыжкӏэ Къызэреупщӏри сэ си къэшэнщ. Пщыхьэщхьэ пшапэм си мыӏуэхущэу Гупэ уэрамымкӏэ зыщыблезгъэхкӏэ Тхылъым бгъэдэсу нэхур зыгъэщу Слъэгъуа хъыджэбзри сэ си къэшэнщ. Пщыхьэщхьэ пшапэм еша-елӏауэ Лӏы гуп зэхэсым къащыӏурыплъэкӏэ Зи гугъухэр ящӏ пэтми яхуэмыухыу Нэху къатезыгъащхьэри сэ си къэшэнщ.
  • пс.,мэкъ.Лосэн Т. студия звукозаписи Аслана Лиева. Мэздэгу къафэ. 1. Джэгу уахыхьэмэ пф1эдахэу, Къафэ щ1ык1эхэм уахоплъэ, Я пшыналъэхэм толъалъэр 1эгу. Зи къэфэгъуэхэр тырашэ, Хошэрашэри ходжагуэ, Зи джэгуэгъуэхэм уащ1оплъ я лъэгу. Ежьу: Лъапэрыфэк1э щ1ырадзэ, Къафэ к1ыхьыри ярешэ. Лъапэлъэфыри нашэщ1мэ, Къэмыфэфыми ирещ1э. Гуащэгъазэк1э тевгъазэ, Т1урыт1къафэри ирек1уэ, Закъуэкъафэк1э хэшэжи, Къафэкъуаншэк1э зывгъазэ. Зэблэк1ыгъуэхэр ныреси, Си къэфэгъуэри къызносыр. Мо уджыжьыри къэ1эгъуэм, Зэ1эпэгъуурэ теджагуэ. ****************** Сэ къэфэк1эхэм нэхъ сф1эф1у, Лъапэрисэк1э езгъажьэм. Си къэшэнри къыдашмэ, Нэхъыбэ1уэрэ мэздэгу сыкъырефэ. 1эгуауэк1эхэр вгъэбатэ, Мо утыкуыри симащ1эщ. Си гухэлъыри мэятэ, Ди къэфэгъуэхэр зэтохуэ дахэм! Уарира рирадэ,уарирадэрэ рирадэ, Уарира рирадэ, Нэхъыбэ1уэрэ мэздэгу сыкъырефэ. Уарира рирадэ,уарирадэрэ рирадэ, Уарира рирадэ, Ди къэфэгъуэхэр зэтохуэ дахэм! 2. Ди къэфэк1эхэм я гуащ1эр, Сэ зы мащ1эрэ схэлъыфтэм, Си гухэлъыри зэ бжес1эфынт. Ди зы мащ1эр куэд тщ1ыфрэ, Зэ зэхуэк1уэрэ ек1уэк1мэ, Уджэраджэурэ,Джэгужь апщий! Ежьу: