Русские песни Азербайджанские песни Узбекские песни

Песня «Адыгэ уафэ»
исполнителя Азамат Беков.
Скачать или слушать онлайн

Текст песни:

Адыгэ уафэ, адыгэ щlылъэ,
Уэгум сихьамэ щlылъэр си плъапlэщ.
Адыгэ уафэ, адыгэ щlылъэ,
Уи лъахэм ситмэ дунейм сытеткъэ.

Уи къалэщхьиблым зыкъырагъэщхьу
Вагъуэ зэшиблыр жэщкlэ зэщlоблэр
А блым ейанэу, нэхъ ебжьыфlэкlыу
Си гурыфlыгъуэр адыгэ хэкукъэ.

Уи губгъуэ куэщlыр пшэплъыу хэдыкlыр
Тэрч къызэрокlри псыр зызэхешэр.
Шым сыгъэшэси дэни сыгъакlуэ,
Вагъуэ жыпlамэ дыгъэр къэсхьынкъэ.

Уинэр зыдэплъэм уилъэр лъоlэсыр,
Гум имылъами улъэlэсакъэ.
Адыгэ уафэ, адыгэ щIылъэ,
Уи лъахэм ситмэ дунейм сытеткъэ.

Другие песни исполнителя:

  • Бадзэуэгъуэ дыгъэм щӏыгур къигъажьэу Жьэражьэу уэгум къыщиувакӏэ Зиӏэтрэ ӏуплъэмэ зыгъэукӏытэу Зыгъэупщӏыӏури сэ си къэшэнщ. Тенджызыр губжьрэ тенджызыр къиурэ Къэукъубияуэ щызэрызехьэкӏэ Щхьэщыхьэрэ хэплъэмэ зыгъэукӏытэу Зыгъэувыӏэри сэ си къэшэнщ. Бадзэуэгъуэ махуэм я нэхь кӏыхьыгъуэм Аргъынэм ӏуту езылъэщӏэкӏхэм Ягу къыщыридзэкӏэ шэмэдж дэдзэнхэр Ящызыгъэгъупщэри сэ си къэшэнщ. Мэлыхъуэ цӏыкӏухэу къущхьэхъум тесхэу Гъатхэри бжьыхьэри зылъэзыгъэӏэсхэм Я гъуэмылашэр щалъэӏэсыжкӏэ Къызэреупщӏри сэ си къэшэнщ. Пщыхьэщхьэ пшапэм си мыӏуэхущэу Гупэ уэрамымкӏэ зыщыблезгъэхкӏэ Тхылъым бгъэдэсу нэхур зыгъэщу Слъэгъуа хъыджэбзри сэ си къэшэнщ. Пщыхьэщхьэ пшапэм еша-елӏауэ Лӏы гуп зэхэсым къащыӏурыплъэкӏэ Зи гугъухэр ящӏ пэтми яхуэмыухыу Нэху къатезыгъащхьэри сэ си къэшэнщ.
  • пс.Иуан В. мэкъ.Иуан Б. Адыгэ хэку 1. Си Къабэрдей,си дуней гуапэ, Уэ уи фэ зыми сэ езмыплъ. Зэлъа къурш нэк1ухэр адэжь напэу, Тхъумэну къытхуэпщ1ащ фэеплъ Ежьу: Адыгэ хэку,адэжь щ1ыналъэ, пс.Иуан В. мэкъ.Иуан Б. Адыгэ хэку 1. Си Къабэрдей,си дуней гуапэ, Уэ уи фэ зыми сэ езмыплъ. Зэлъа къурш нэк1ухэр адэжь напэу, Тхъумэну къытхуэпщ1ащ фэеплъ Ежьу: Адыгэ хэку,адэжь щ1ыналъэ, РЕКЛАМА Диваны европейского качества Диваны премиум-класса из Европы. Для сна и отдыха. От 300 000 руб. Звоните! О нас О фабрике Гостиные Распродажа wohl-design.ru Узнать больше Дунейм и фыгъуэ и жэнэт. Сэ пхузоусыр уэ пшыналъэ, Уэрэдыр гуапэу къыздэ1эт. 2. Си Къабэрдей,уи щ1ылъэрщ япэу, Лъэбакъуэ ц1ык1ухэр сэ щысчар. Сф1эмащ1эщ ноби гур щыхуабэу, Сэ уи щ1ыналъэу зэпысчар. Ежьу: 3. Си Къабэрдей,уэращ си хэкур, Уи щ1ылъэрщ сэ сыкъыщалхуар. Арщ щ1ыпхуэусэр уэ мы си гур, Уэращ къежьап1э сэ схуэхъуар. Ежьу: