Русские песни

Песня «Zakyo Kafe»
исполнителя Азамат Беков.
Скачать или слушать онлайн

00:00/00:00

Текст песни:

Текст песни не найден. Добавить?
Мы платим за добавление текста. Вам нужно авторизоваться, чтобы мы смогли вам заплатить
Отмена

Другие песни исполнителя:

  • Бадзэуэгъуэ дыгъэм щӏыгур къигъажьэу Жьэражьэу уэгум къыщиувакӏэ Зиӏэтрэ ӏуплъэмэ зыгъэукӏытэу Зыгъэупщӏыӏури сэ си къэшэнщ. Тенджызыр губжьрэ тенджызыр къиурэ Къэукъубияуэ щызэрызехьэкӏэ Щхьэщыхьэрэ хэплъэмэ зыгъэукӏытэу Зыгъэувыӏэри сэ си къэшэнщ. Бадзэуэгъуэ махуэм я нэхь кӏыхьыгъуэм Аргъынэм ӏуту езылъэщӏэкӏхэм Ягу къыщыридзэкӏэ шэмэдж дэдзэнхэр Ящызыгъэгъупщэри сэ си къэшэнщ. Мэлыхъуэ цӏыкӏухэу къущхьэхъум тесхэу Гъатхэри бжьыхьэри зылъэзыгъэӏэсхэм Я гъуэмылашэр щалъэӏэсыжкӏэ Къызэреупщӏри сэ си къэшэнщ. Пщыхьэщхьэ пшапэм си мыӏуэхущэу Гупэ уэрамымкӏэ зыщыблезгъэхкӏэ Тхылъым бгъэдэсу нэхур зыгъэщу Слъэгъуа хъыджэбзри сэ си къэшэнщ. Пщыхьэщхьэ пшапэм еша-елӏауэ Лӏы гуп зэхэсым къащыӏурыплъэкӏэ Зи гугъухэр ящӏ пэтми яхуэмыухыу Нэху къатезыгъащхьэри сэ си къэшэнщ.
  • Къафэт дахащэ,1эгур мэщащэ уей. Пшынэ бзэрабзэ гук1э 1ущащэ уей. Гъэхэр уогъак1уэ,си псэр уэ уи лъыхъуак1уэщ. Уэ зырщ фо к1адэм псэк1э хуэзгъадэр,уей. Ежьу: Псэм и дахэ сыкъомыгъанэ, Си гу упэсщ1ыу,сощ1 тхьэлъанэ. Хэт ди лъахэм упэсщ1ын, Псэм ухэлъмэ ухэзмыхын, Си псэу дэхащэ, Си гухэлъ гуащэ. 2. Жэщыр хок1уатэр,мазэр хок1уадэр,уей. Уджыжь мэкъамэр къытк1эщ1ок1уатэр,уей. Уи нит1 я гъуазэу,вагъуэр схузэщ1эгъанэ, Вагъуэр щхьэцыгъуэм хызоухуанэ,уей. Ежьу: Псэм и дахэ,гухэлъ 1уданэ, Гур мэгъынанэ, ещ1ри гукъанэ. Уи лэгъунэр схузэ1ух,уи гур сэ схузэлъэ1ух, Си псэу дахащэ,си гухэлъ гуащэ.
  • Уо си адэжь пщlантlэ гущэм Шыгур щызэщlащlэ, Си гущlэр къыщIитхъыурэ, Хэкур сагъэбгынэ. Уо-уо, о-о-ооо Истамбылым дашэ мыгъуэри, уей Уо Истамбыл гъуэгу гущэри Зэрынашэкъаши, Си къэшэну дахэри Жылэм къыдэзнауэ Уо-уо, о-о-ооо Истамбылым дашэ мыгъуэри, уей Уо си шыпхъу нэхъыщlэ гущэр Зэрыщхьэц барини Ди дей зэрыбынурэ Сэ къыскlэрыщlауэ Источник teksty-pesenok.ru Уо-уо, о-о-ооо Истамбылым дашэ мыгъуэри уей Адыгэжь бэракъ гущэри Уей, жьыбгъэм зэрехьэ Ди деж я хъыбархэри Хэт дэ къытх*ихьыну?! Уо-уо, о-о-ооо Истамбылым дашэ мыгъуэри уей