Русские песни Азербайджанские песни Узбекские песни

Песня «Si kashen»
исполнителя Азамат Беков.
Скачать или слушать онлайн

Текст песни:

Бадзэуэгъуэ дыгъэм щӏыгур къигъажьэу
Жьэражьэу уэгум къыщиувакӏэ
Зиӏэтрэ ӏуплъэмэ зыгъэукӏытэу
Зыгъэупщӏыӏури сэ си къэшэнщ.

Тенджызыр губжьрэ тенджызыр къиурэ
Къэукъубияуэ щызэрызехьэкӏэ
Щхьэщыхьэрэ хэплъэмэ зыгъэукӏытэу
Зыгъэувыӏэри сэ си къэшэнщ.

Бадзэуэгъуэ махуэм я нэхь кӏыхьыгъуэм
Аргъынэм ӏуту езылъэщӏэкӏхэм
Ягу къыщыридзэкӏэ шэмэдж дэдзэнхэр
Ящызыгъэгъупщэри сэ си къэшэнщ.

Мэлыхъуэ цӏыкӏухэу къущхьэхъум тесхэу
Гъатхэри бжьыхьэри зылъэзыгъэӏэсхэм
Я гъуэмылашэр щалъэӏэсыжкӏэ
Къызэреупщӏри сэ си къэшэнщ.

Пщыхьэщхьэ пшапэм си мыӏуэхущэу
Гупэ уэрамымкӏэ зыщыблезгъэхкӏэ
Тхылъым бгъэдэсу нэхур зыгъэщу
Слъэгъуа хъыджэбзри сэ си къэшэнщ.

Пщыхьэщхьэ пшапэм еша-елӏауэ
Лӏы гуп зэхэсым къащыӏурыплъэкӏэ
Зи гугъухэр ящӏ пэтми яхуэмыухыу
Нэху къатезыгъащхьэри сэ си къэшэнщ.

Другие песни исполнителя:

  • пс.Иуан В. мэкъ.Иуан Б. Адыгэ хэку 1. Си Къабэрдей,си дуней гуапэ, Уэ уи фэ зыми сэ езмыплъ. Зэлъа къурш нэк1ухэр адэжь напэу, Тхъумэну къытхуэпщ1ащ фэеплъ Ежьу: Адыгэ хэку,адэжь щ1ыналъэ, favicon letu.ru Перейти Дунейм и фыгъуэ и жэнэт. Сэ пхузоусыр уэ пшыналъэ, Уэрэдыр гуапэу къыздэ1эт. 2. Си Къабэрдей,уи щ1ылъэрщ япэу, Лъэбакъуэ ц1ык1ухэр сэ щысчар. Сф1эмащ1эщ ноби гур щыхуабэу, Сэ уи щ1ыналъэу зэпысчар. Ежьу: 3. Си Къабэрдей,уэращ си хэкур, Уи щ1ылъэрщ сэ сыкъыщалхуар. Арщ щ1ыпхуэусэр уэ мы си гур, Уэращ къежьап1э сэ схуэхъуар. Ежьу: